[go: up one dir, main page]

Jump to content

Уэтэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Уэ́тэ (лат-бз. cellula, зэдзэкӀамэ — пэш цӀыкӀу, безынэ) — дунем гащӀэ зиӀу хъуам я зэфӀэтыкӀэм и зэ бжыгъэ нэхъ цӀыкӀудыдэра, езыр-езыру дунем тетыфыр, зэхэкӀыфыр, зэфӀэувэфыр. Псэущхьу хъуар е уэтэбжыгъэхэхьэкӀэкхъуэкӀэхэр, къэкӀыгъэхэр, Ӏэргъэбэгухэр — уэтэ бжыгъу зэфӀэтхэ е протистхэмрэ бактериэхэмрэ хуэду зы уэтэу нэхъ зэфӀэтхэкъым. Биологиэм и къудамэ уэтэхэм я дуней тетыкӀэ зыджым и цӀэр — цитологиэ.

Уэтэхэм я зэфӀэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Уэтэ псэущхьу хъуар дунем тетхэр тӀууэ зэхагъэкӀхэ:

  1. прокариотхэр — нэхъ кӀэххэр, эволуциэ екӀуэкӀыгъуэм япэреуэ къэхъуаху къалъытэхэращ.
  2. эукариотхэр — нэхъ щӀыгъуэуэ зэфӀэтхэра, цӀыхум и Ӏэплъэпкъыр зэрзэфӀэт уэтэхэр эукариоту щытхэ.

Теплъэхэм я бжыгъэм емылъытауэ, псэущхьэхэм я уэтэ зэфӀэтыкӀэхэр зы хабзэмкӀэ къокӀуэкӀыр. Уэтэм и фэуэ щытыр плазмалема. И кӀуэцӀым цитоплазмэ ит, абым органоидхэр, ДНФӀ хэтхэ. Уэтэм и органоид къэс езым и мыхьэнэ зэрехьэ, зэхэтху псоми я лэжьыгъэм уэтэм и псэукӀэр къыхокӀ.

ХьэкӀэкхъуэкӀэ уэтэм и теплъэ — (1) Купс, (2) Кугъуэ, (3) Рибосомэ, (4) Везикулэ, (5) Эндоплазмэ ретикулум пхъашэ, (6) Apparatus Golgianus, (7) Микротубул, (8) Эндоплазмэ ретикулум цӀанлъэ, (9) Митохондриэ, (10) Вакуол, (11) Цитоплазмэ, (12) Лисосомэ, (13) Центриол.