БажэкӀэцӀынэ
Appearance
БажэкӀэцӀынэ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Echinochloa crus-galli Linnaeus | ||||||||||||||
|
БажэкӀэцӀынэ (лат-бз. Echinochloa crus-galli) — зы гъэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И лъэгагъыр см 60-100 хъууэ. И бзийхэр кӀыхьщ, бгъузэщ. Удзым и пкъыхэр занщӀэу докӀей, лъабжьэ ищӀхэр псыгъуэ-кӀыхьхэщ, куэдщ, лъэхъцым ещхьщ. Гъэмахуэкум щыщӀедзэри пкъыхэм я щхьэкӀэм гъашэ къыпедзэ. Жылэхэр гъэмахуэкӀэм, бжыхьэм мэхъу, гъуэбжафэщ, хум ещхьщ. БажэкӀэцӀынэр щхъуантӀэу щытщ, жэп къехын щӀидзэху.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Губгъуэхэм, нартыху щӀагъхэм, дыгъэгъазэхэм, кӀэртӀоф, гыныплъ хьэсэхэм, хадэхэкӀ щащӀэхэм, жыг-хадэхэм зэран къахьу, куэду къыщокӀ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏэщым фӀы дыдэу яшх, силосу иралъхьэ. Адыгэхэм бажэкӀэцӀынэр куэд щӀауэ мэкъуу паупщӀ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.